ЛIыгъэ егъэлъагъуэ
ЛIыгъэ егъэлъагъуэ
14 ноября, 2024 - 12:02
Статьи на кабардинском языке• Этнография » Этносы » Народы Кавказа » Адыги » Абхазо-адыгские языки » Кабардино-черкесский язык
• Россия » Федеральные округа РФ » Северо-Кавказский федеральный округ » Карачаево-Черкесская Республика » Кабардино-черкесский язык
Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам япэ махуэхэм щегъэжьауэ щыIэ ди щIалэхэм
ящыщщ Сомгъур Алим. Ар гвардием и сержантщ.
- Армэм сыкъикIыжщ, илъэс зыбжанэ дэкIри, къулыкъу сщIэну зэгурыIуэныгъэм Iэ
тездзащ. Илъэс 12 хъуауэ сыхэтщ абы, - жеIэ Алим. - Сэ къулыкъум сыпэрытти,
дзэ Iуэху хэха щекIуэкI щIыпIэм сыкIуэным е сымыкIуэным сегупсысын хуей
хъуакъым. Си къалэнт, си лэжьыгъэт. Къэралым дзэм епха Iуэху къылъыкъуэкI
хъужыкъуэмэ, Хэкум укъыщхьэщыжыну ухуэхьэзырын хуейщ апхуэдэ IэнатIэм
ущыпэрыткIэ, - жеIэ Алим дзэ Iуэху хэхар щекIуэкIым зэрыкIуам дыщыщIэупщIэкIэ.
Сыт я щыIэкIэ къулыкъум пэрытхэм, я гупсысэм зригъэхъуэжрэ я нэгу щIэкIхэм,
сыт щхьэмыгъазэ зыщIыр, сыт хуэдэ зыхэт гупыр, дауэрэ зызэщIагъакъуэрэ? Куэд
мэхъу узэгупсысынкIэ хъунур.
- Дзэ Iуэхум ущыхэткIэ, куэд уи нэгу щIокI, псэзэпылъхьэпIи уохуэ. Бэуэгъуэ
дыщихуи къохъу зэм-зэмкIэрэ. Ди дивизионым хэтщ зы адыгэ щIалэ, дагъыстэн
къытхэтщ, урысхэр ди гъусэщ. ЩIалэ хъарзынэхэщ, дызэгуроIуэ икIи
зызэщIыдогъакъуэ – нэгъуэщIу хъунукъым, пхуехьэкIынукъым. Ди командирхэри
цIыху хъарзынэхэщ, хэкупсэхэщ, - жеIэ щIалэм.
Алим къыгуроIуэ гъащIэр зэрылъапIэри цIыхухъу къалэным фIэкIыпIэ зэримыIэри.
Къулыкъу къадэзыщIэхэм ящыщ хэкIуадэуи и нэгу щIэкIащ. А псом упэлъэщын хуейщ,
адэкIэ уи бгыр щIэкъузауэ къулыкъур епхьэкIын щхьэкIэ. ЩIалэр
псэзэпылъхьапIэхэм къраш и унагъуэм теухуа гупсысэхэм.
- Дзэ Iуэхум ущыхэткIэ уи нэгум щIэкIхэм куэдым урагъэгупсыс. ГъащIэм и
дэтхэнэ дакъикъэри зэрылъапIэр зыхыбощIэ. АпщIондэхункIэ гугъуехьми уепсыхь –
куэдым утогушхуэ, укъикIуэт зэрымыхъунур хьэкъ мэхъу, - жеIэ абы.
Къулыкъум пэрытхэр щогуфIыкI я лъахэгъухэм къабгъэдэкIыу ерыскъы, щыгъын хуабэ
е сабийхэм дзэм хэтхэм хуатха письмо къащыIэрыхьэкIэ. Алим зэрыжиIэмкIэ,
щIалэхэм щыгъыным я пкъыр игъэхуабэмэ, сабийхэм я IэкIэ ятха псалъэхэм гур
егъэхуабэ. Псом хуэмыдэу гуапэ ящохъу Хэкум ираш хьэпшыпхэр щаIэрыхьэм деж.
Алим и щхьэгъусэ Лаурэ къулыкъум пэрытыным и пIалъэр ещIэ. Ар УФ-м и Лъэпкъ
гвардием КъБР-м щиIэ и къудамэм хэтщ. Лаурэ къытхутепсэлъыхьащ щIалэм дзэ
Iуэху хэхам къулыкъу зэрыщищIэм, абы зэрыдэкIам, и Iуэху зытетым.
- Дзэ Iуэху хэхар къыщыхъеям япэ дыдэу дэкIахэм яхэтащ. Гъуэгу теувэну
къыхатхыкIахэм зэращыщыр къыщытщIар дэкIыным сыхьэтищ иIэжущ. Дыгузэващ, дауи.
Япэрауэ, здашэ щIыпIэр ипэжыпIэкIэ зыми ищIакъым. Нэса нэужь, зэ хъыбар
къыдитыфащ къыщыувыIа щIыпIэм теухуауэ. Япэхэм дзэ Iуэхум дашахэм
зыкъыппащIэфыртэкъым. И Iуэху зытетыр умыщIэмэ, гупсысэ куэд щызэблокI уи
щхьэм.
Аргуэру зэ зыкъытпищIэри, «Дыпсэущ, дыузыншэщ», - жиIэри хъыбар къыдигъэщIащ.
Мызэ-мытIэу пIалъэкIэ зэпыуащ телефонкIэ дызэрыщIэныр. Сыгузавэри, къулыкъум
къыдыхэт дагъыстэн щIалэм и телефоныр къэзгъуэтащ – абы хуэстхым, и хъыбар
къызжиIэурэ екIуэкIащ зы пIалъэ. ИужькIэ телефонымкIэ зызэпытщIэф хъужащ.
Нэгъабэ гъэмахуэм Алим зыхэт гупым къахэуащ зыпэщIэтхэр. «Утэмэм, уузыншэ?»
жысIэу щыхуэстхым, жэуап къысIэригъэхьэфакъым. Зэхэуэ зэрыхэхуар сщIэрт, и
хъыбарыр зэпыуати, си гур куэдым жащ. Я гъусэ щIалэм и телефонымкIэ сбербанк• Объект организация » Организации по алфавиту » Организации на Сб » Сбербанк России
онлайнкIэ зэгуэр ахъшэ езгъэхьауэ щытати, ар къыщIызогъэщыж… «Ягъэ щыIэкъым,
абыхэм я деж сокIуэ, зыныппезгъэщIэнщ», - жеIэри, гузэвэгъуэр сщхьэщокI.
Сомгъурым зыгъэпсэхугъуэ пIалъэу тхьэмахуитIщ иIэр, унэм къыщыкIуэжым деж.
Сабийхэм къахуэгъэсыркъым адэм и къекIуэлIэжыгъуэр.
- Хъыджэбз цIыкIур нэхъыжьщ, къыгуроIуэ и адэр здэщыIэр, абы лIыгъэ
къызэрыщигъэлъагъуэр, гугъу зэрехьыр, Хэкум, унагъуэм къызэрытщхьэщыжыр.
ЩIалэр цIыкIущи, лэжьапIэ жыжьэ гуэрым щыIэущ зэрищIэр. И къэкIуэжыгъуэр
къахуэмыгъэсу йожьэ сабийхэр, школымрэ сабий садымрэ абы зэришэнур,
къыщыщIэкIыжкIэ ар зэраIущIэнур, дызэрызэбгъэдэсынур я гурыфIыгъуэщ. И
къэкIуэжыгъуэ къэси имыгъэзэжыну йохъуапсэхэр. Къатохьэлъэ щедгъэжьэжкIэ.
ЩIалэр зыпэрыт къулыкъум къыщигъэлъагъуэ лIыгъэм, и бэшэчагъым папщIэ къэрал
дамыгъэхэр къыхуагъэфэщащ. «Участнику СВО• Военные конфликты » Военные действия » Специальная военная операция (СВО)», «За боевые отличия», Суворовым и
цIэр зезыхьэ медалхэр иIэщ. Дамыгъэхэр я нэщэнэщ абы Хэкум хуиIэ лъагъуныгъэм,
и къалэнхэм зэрыхуэпэжым.
ГУГЪУЭТ Заремэ.